Russland führt einen schändlichen Krieg gegen die Ukraine.     Stehen Sie an der Seite der Ukraine!
  • Бэдынокъуэ и уэрэд

Teilen
Schriftgröße
Original

Бэдынокъуэ и уэрэд Liedtext

Нартыжьхэм я хэкум зэгуэрым биижь бзаджэу чынтыдзэр къытеуат нарт блыпкъ якъутэну, нарт хэку яхъунщӏэну, нарт лъапсэр ягъэгъун я мураду. Нартыжьхэми зыуэ защтэри биижь бзаджэм езауэу пэуващ, лӏыгъэ мылъытэр зэрахьэу. Лӏэн-къэнэну чынтхэм езауэ пэтми, биидзэр бжыгъэ мылъытэт, зы нартым шу биищэ къыхуэзэрти, нарт лъэпкъыр кӏуэдынкӏэ шынагъуэт. Апхуэдэу бий гуащӏэм жэщибл-махуиблкӏэ пэщӏэтауэ пщэдджыжь пшэкӏэплъ къыщищӏым, -
 
И хьэ самырыр бгъурыдзау,
И бгъэ гъэсахэр щхьэщыту,
Тхъуэ къэрапцӏэу блапщэ щхьэгъуру,
Ӏэкӏуэцӏырыжым тесыхэу.
Абы и бжыпэ уэгъуэри
Лӏы уэгъуищэ пэлъытэщ.
Зригъэлъэтэхым къашыргъэ пщэхуу.
И афэху джанэр зэщӏыщӏэу,
Езыр гу ищӏ бгы ищӏыу,
Шу ябгэри къолъысыр,
Хьэ самырыбэри еутӏыпщыр,
И джатэ ӏэпщэри ехузыр,
Биижьыдзэри егъэгулэз.
Гузэва нартхэми ягу мэзагъэ.
Бий гуащӏэр гъэр ирегъэщӏыхыр.
Къахыхьа закъуэр нартхэм ямыщӏэ,
Зэрагъэщӏэни ялъэмыкӏ.
Бийр хьэдрыхэу къегъанэ.
Псэууэ къина закъуэми
Нэкӏурыдзэныри ныхуещӏыр,
"Хъыбар егъащӏэ" жыхуиӏэу,
Ӏэгупэ уэгъуэри хуещӏыжыр,
Къыздикӏа лъахэми еутӏыпщыж.
 

 

Kommentare