Russia is waging a disgraceful war on Ukraine. Stand With Ukraine!
Зэныбжьэгъуищ versuri
A
A
Зэныбжьэгъуищ
✕
1.
Зэныбжьэгъуищыу джэгум дыздокӏуэ,
Дыздэкӏуэ джэгур мафӏэ лыгъейкъэ.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрирэ-райрэ,
Сыбгъэунэхъуа мыгъуи, си дахэ цӏыкӏу.
2.
Дахэм и набдзэхэм сигур дахьэхыр,
Сигум дэхъыкӏыр даурэ бжесӏэн-тӏэ?
Уэхьайрэ-райрэ, уэрирэ-райрэ,
Сыбгъэунэхъуа мыгъуи, си дахэ цӏыкӏу.
3.
Гъатхэпэ бзухэм уицӏэр къызжаӏэ,
Уицӏэр къызжаӏэм сипсэр къолъатэ.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрирэ-райрэ,
Сыбгъэунэхъуа мыгъуи, си дахэ цӏыкӏу.
4.
Ахъшэкӏэ уащэмэ укъэсщэхункъэ,
Лӏыгъэкӏэ уахьми телъхьэ пхуэсщӏынкъэ.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрирэ-райрэ,
Сыбгъэунэхъуа мыгъуи, си дахэ цӏыкӏу.
5.
Дыздэкӏуа джэгур адыгэ джэгути,
Дигур дгъэтӏылъри динэр дгъэплъаи!
Уэхьайрэ-райрэ, уэрирэ-райрэ,
Сыбгъэунэхъуа мыгъуи, си дахэ цӏыкӏу.
✕
Mulțumesc! ❤ | ![]() | ![]() |
Traduceri ale cântecului "Зэныбжьэгъуищ"
Dina Kharadurova: Top 3
1. | Зэныбжьэгъуищ |
2. | Уэ сыбдэпсэунщ |
3. | Колэ нэ къуэлэн |
Comentarii
Music Tales
Read about music throughout history