Россия ведет позорную войну с Украиной.     Поддержи Украину!
  • Лъагъуныгъэ уэрэд

Делиться
Размер шрифта
Оригинал

текст песни Лъагъуныгъэ уэрэд

И лъабжьэр щӏылъэм хэмытамэ
Жыгышхуэр сытым щӏиӏыгъэнт?
Дыгъэшхуэр уэгум имытамэ
Гуфӏэгъуэр сытым хуэгъэгъэнт?
 
Припев:
Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ
Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт,
Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ
Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт.
 
Припев.
 
Жьапщэр къыкъуэурэ къыхитхъамэ
И къуэпсыр щӏылъэм хэкӏуэдэнт,
Е ар губампӏэм зэгуитхъамэ
И щхьэкӏэр гъатхэм мыгугъэнт.
 
Припев.
 
Уи лъагъуныгъэр мы си гущӏэм
Дыгъэу сыт щыгъуи щхьэщытам,
Къыпэлъэщынтэкъым си гъащӏэм
Борэни жьапщи зэхэтам.
 

 

Комментарии